Гаражный движ ??
По вопросам рекламы и сотрудничества - [email protected]
Last updated 1 month, 4 weeks ago
«КIыIумбзэ»-ми, «IункIыбзэ»-ми къарыкIыр зыщ, ауэ щхьэ я къэпсэлъыкIэр зэщхьэщыкIрэ??
➡️ Еплъ
Нэтыныр тезыхар - Бэджыдэхэ Елдар
Дыгъэгъазэщ
Созэрэщу ди дыщэ шу,
Нобэ Дыгъэгъазэщ,
ХъуэхъукIэ доублэ!
Гъэм и махуэр ди бжаблэу,
ЩIым и махуэр тхуэбагъуэу,
Ди хэку жылэжьхэр уардэ унэжьхэу,
Нэхъыжь диIэмэ пщӏэ хуэтщIу,
Ди щIалэхэр гъущӏыпсэу,
Уэрэд жызыIэр ди хъыджэбзу,
Хэкужь махуэрэ, унапIэ махуэрэ Тхьэм дищI.
ЗэрытщIэщи, дыгъэгъазэм и 21-22 жэщ-махуэм гъэ псом къриубыдэу махуэр щынэхъкIэщIщ, жэщыр щынэхъкIыхьщ. Аращ адыгэжьым абы гу лъитэу щIыжиIар: “Дыгъэм зегъэзэж”, е “дыгъэр ещIэжащ” жоуэ. Дыгъэр къеплъэкIыжауэ махуэр щыхэхъуэжкIэ ди пасэрейхэмм гухэхъуэ ящыхъурти, Нэхум ехъуэхъурт, еубзэрт.
ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыкIэ Тхьэм дынигъэс!
Гаражный движ ??
По вопросам рекламы и сотрудничества - [email protected]
Last updated 1 month, 4 weeks ago